Гъатхэпэм и 14-р-Адыгэ тхыбзэм и махуэщ. Псэукlэ-Дахэ курыт еджапlэм и еджакlуэхэр жыджэру хэтщ мы махуэшхуэм и цlэкlэ еджапlэм щекlуэкl усыгъэм и сыхьэтхэм
Адыгэбзэр ди лъэпкъым и псэщ
Бзэр диlэмэ, лъэпкъыр дылъэщщ, димыlэжмэ, дылъэпкъыжкъым
Бзэр лъэпкъыр зы зыщl, зэзыпх, зэгурызыгъаlуэ lэмэпсымэщ. Къыздалъхуа анэбзэм сыт хуэдиз гъащlэ иlэнуми, дэращ, адыгэхэращ, зэльытар
Дывгъэхъумэж, пщlэ нэс хуэдывгъэщl ди адыгэбзэм, ди адэжьхэм тхуахъумэу кьытlэщlалъхьам

|